Бабыгу Эргун и творчествэм теухуауэ
«Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», – къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Зауэм къикIыж хуэдэу ешауэ.
Илъэсищэрэ плIыщIрэ и ныбжьу,
ГъащIэм иригъэзэшауэ.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
И псалъэм хамэбзэ къыхэхуэу.
ЖиIэр къыбгурымыIуэж хъуарэ,
Хуэсакъ пэтми, къыжьэдэхуу.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Мыпхуэдиз илъэс нэужьым.
Мис и унэ къекIуэлIэжащ,
Тетурэ адэжь лъэужьым…
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Фи зэхуакум зэман кIыхь докI.
Ар уэ щIагъуэу къыпфIэмыIуэхуми,
А къэкIуэжар гъуэгу жыжьэ къокI.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Убыд и Iэпэри зэшэлIэж.
Зебгъапщэмэ адрей лъэпкъхэм,
Узыхуэныкъуэр уэри уощIэж.
Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,
Уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ.
Лъэпкъхэм дахэкIуэдэжынущ,
Дызыхыхьэжу дызэкъуэмытмэ.
(Бабыгу Эргун,
Налшык, Мазае, 2007)
Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yıldız – вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.
УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху – адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —
уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым – абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы
Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.
Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.
Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.