Дыщысабийм ди фӏэщ хъурт мэгъу, уд, шейтӏан, алмэстыхэр зэрыщыӏэр. Ахэр зыхэт таурыхъхэр дызыхалъхуа дунейм имыхамэут дызэреплъыр, сыту жыпӏэмэ, абы щызекӏуэри дэ дызыщыгъуазэ щытыкӏэхэрат: ныбжьэ гъуфӏхэр, ныбжьэгъупцӏхэр, гузыхэщӏэ зэмыщхьхэр, адэ-анэ, анэкъилъху лъагъуныгъэ, хэти яку къыдэхъуэфыну гурыщхъуэ, къабзагъэм къыхэкӏа сабий зэхэщӏыкӏ… Цӏыхур нэхъ балигъ хъуху «псэуныгъэкӏэ» дызэджэм зэщӏещтэри, гупсысэмрэ зыхэщӏэныгъэмрэ къриубыдэжыр «тшхын, тщӏэн дгъуэту дыпсэун» папщӏэ дызыхуейращ. Ауэ сыту фӏы а сабиигъуэм къыхэдна «щэхухэм» я щхьэтепхъуэр тезых тхакӏуэ къыкъуэкӏыу, тхылъ напэкӏуэцӏхэм деж нэхъ мыхъуми, диӏа фӏэщхъуныгъэхэм дыщыхишэжыр… Апхуэдэщ Къаныкъуэ Заринэ и «ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр. Къыпхуэмыӏуэтэнумрэ дызэсэжамрэ зэригъэзэгъащ – магиемрэ реализмымрэ. Щыӏэр, къэхъуагъэхэр щыӏэн хуейм ирешалӏэри пещӏэ, блэкӏамрэ иджыреймрэ зэхуегъазэ, лӏахэмрэ псэухэмрэ зэӏуегъащӏэ, акъылым къыхуэмыубыдыж щэхумрэ махуэ къэс гъащӏэм дыщызэсэжамрэ зы сурэту зэхеухуэнэж, уеблэмэ зэхегъэшыпсыхьыж. Къаныкъуэм и романым лъабжьэ хуэхъуар цӏыху псэукӏэ-зэхэтыкӏэмрэ абы къыдэкӏуэ ӏуэхугъуэхэмрэщ. Тхакӏуэм къеӏэт цӏыхур къызэригъэщӏрэ къыфӏэӏуэху, щыӏэхуи къыфӏэӏуэхуну, зэгупсысыну, жэуап къызыхуилъыхъуэну упщӏэхэр: унагъуэ ухуэкӏэ, ныбжьэгъу ӏыгъыкӏэ, гурыщхъуэ зыхэмылъ лъагъуныгъэ, зауэ, мамырыгъэ, щхьэзакъуэ насыпыр цӏыхубэ насыпым зэрепхар… А упщӏэхэр къэзыгъэхъу икӏи и жэуапым лъыхъуэж лӏыхъужьхэр ӏуоуэ нобэрей цӏыхум дежкӏэ щэху, мыгурыӏуэгъуэ гуэрхэм, ауэ, гъэщӏэгъуэныращи, зыпэмыплъа, зыгъэшынэ е зыгъэундэращхъуэ гуэру къащыхъуркъым ар, я гъащӏэм щыщ налъэ гуэру, егъэлеяи хэмылъущ къызэралъытэр. Апхуэдэ щӏыкӏэкӏэ ӏуэхугъуэ нэхъыщхьэу романым щымыгъэува магиер – мэгъугъэр – толажьэ щызэблэкӏ ӏуэхугъуэхэр зэпкърыха хъуным, лӏыхъужьхэм я щытыкӏэмрэ зыхэщӏыкӏымрэ ӏупщӏ щӏыным. Утхакӏуэу а псор зэбгъэкӏуныр, зэбгъэзэгъыныр, еджэм егъэлея химылъагъуэу зэхэбгъэзэгъэныр, нэхъыщхьэращи, купщӏэкӏэ щыз пщӏыныр езыр мэгъугъэщ. Ари гъэщӏэгъуэнщи, пасэм нартхэм дуней къэхъукъащӏэхэм я къежьапӏэр, щхьэусыгъуэр зыхэпсэукӏ дунейм ирагъапщэурэ зыгурагъаӏуэу щытамэ, иджы, «ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» зэрыщытлъагъущи, зыхэпсэукӏ дунейр къагурыӏуэнымкӏэ тхакӏуэм тегъэщӏапӏэ ещӏ абы къыпэщыт нэгъуэщӏ дуней, а дунеитӏым я зэпылъыпӏэр къелъыхъуэ, зэхыхьэ-зэхэкӏыу зэрыщыт ныбзхэр къехутэ. Абы къикӏыращи, ӏуэхугъуэ куухэр зэпкърыха хъунымкӏэ магиер ӏэмэпсымэ ещӏ.